Ислъам махуэгъэпс9Aa123 enda_4d Qq Iib 8qYy Lt
Ислъам махуэгъэпс |
---|
* пэубыда мазэ |
Ислъам махуэгъэпс — Муслъымэн диным и махуэ лъапIэхэр къырыхагъэщын щхьа къагъэсэбэп мазэгъуэ махуэгъэпс. Иныкъуэ муслъым къэралхэм кмахуэгъэпсыр нэхъыщхьэ махуэгъэпсу щабж.
Махуэгъэпсым и илъэс къэбжыр щIидзащ Хьэжрэтыр къыщыхъуам щыгъуэ (622 гъэ, бадзэуэгъуэм и 16) — Мухьэмэд Бегъымбаррэ япэ муслъымхэмрэ Мэчэм икIыу Мэдинэм щыIэпхъуам. Абы къыхэкIыуи мыслъымэн къэралхэм махуэгъэпсым Хьэжрэт махуэгъэпскIэ ироджэ (хьэр-бз. الـتـقـويم الـهـجـري, ат-таквиму-л-Хиджри).
Хэтхахэр
- 1 Зэрызэхэт
- 2 Цикл
- 3 ЗэдзэкIыныгъэм и формулэ
- 4 Мазэхэр
- 5 Пэубыда мазэхэр
- 6 Тхьэмахуэм и махуэхэр
- 7 ТехьэпIэхэр
Зэрызэхэт[гъэтэрэзын | edit source]
Илъэсыр махуэгъэпсымкIэ махуэу 354 е 355 мэхъухэ, ахэр мазэ 12 гуэшахэщ. Мазэгъуэ махуэгъэпсыр дыгъэ махуэгъэпсым елътауэ махуэу 10 е 11 нэхъ мащIэщ. Апхуэдиз махуэ зэщхьэщыкI, мазэгъуэ махуэгъэпсым дыгъэ махуэгъэпсым зэрыхуиIэм щхьа, муслъым дин махуэ лъапIэхэр илъэс къэс мэкIуатэхэр григориан махуэгъэпсым елътауэ.
Ислъам махуэгъэпсымкIэ махуэр дыгъэр къухьэжа иуж щIедзэр, григориан махуэгъэпс жэщ ныкъуэм щыщIидзэм елътауэ.
Мазэр махуэу 29 е 30 мэхъу. ХабзэмкIэ мазэм и япэ махуэу ябж, мазэщIэр уафэгум къихьэу абы и гъубжыр тэмэму щыплъагъум деж. Ауэ махуэ 29-нэм нэуж, псалъм папщIэ мазэр икIыри нэхуу дыгъэм иуж къухьэжамэ, а махуэр мазэм и 30-нэ махуэу ябж. ИтIанэ мазэщIэр къызэрихьар муслъымитI пщIэ зиIэхэм жаIэн хуейщ.
Ахэм нэмыщI дыгъэр щыкъухьэмрэ мазэр щыкъухьэмрэ я зэхуаку дэлъын зэманыр елътащ щIыпIэм и хэкумэтх координатхэм. Мазэр къухьэпIэмкIэ къикIыу къуэкIыпIэмкIэ макIуэ курыт псынщIагъ 13,2° зы махуэм иIэу. Къэралыр е щIыпIэр мазэщIэм елътауэ нэхъ къухьэпIэкIэ гъэзауэ щытымэ, абы мазэщIэр зы махуэкIэ нэхъапэу къыщихьэн хуэдэу щытщ. Абы къыхэкIыуи муслъым къэралхэм я махуэгъэпсхэр зэщхьэщыкIынкIэ хэлъщ зы махуэкIэ, абы епха дин махуэ лъапIэхэри махуэ зэрызым иракIуу щытыгъэнкIэ хэлъщ.
Цикл[гъэтэрэзын | edit source]
- 1 мухьэррам 1422 гъ. — гъэтхапэм и 26, 2001 гъ.
- 1 мухьэррам 1423 гъ. — гъэтхапэм и 15, 2002 гъ.
- 1 мухьэррам 1424 гъ. — гъэтхапэм и 5, 2003 гъ.
- 1 мухьэррам 1425 гъ. — мэзаем и 22, 2004 гъ.
- 1 мухьэррам 1426 гъ. — мэзаем и 10, 2005 гъ.
- 1 мухьэррам 1427 гъ. — щIыщылэм и 31, 2006 гъ.
- 1 мухьэррам 1428 гъ. — щIышылэм и 20, 2007 гъ.
- 1 мухьэррам 1429 гъ. — щIышылэм и 10, 2008 гъ.
- 1 мухьэррам 1430 гъ. — дыгъэгъазэм и 29, 2008 гъ.
- 1 мухьэррам 1431 гъ. — дыгъэгъазэм и 18, 2009 гъ.
- 1 мухьэррам 1432 гъ. — дыгъэгъазэм и 8, 2010 гъ.
- 1 мухьэррам 1433 гъ. — щакIуэгъуэм и 27, 2011 гъ.
- 1 мухьэррам 1434 гъ. — щакIуэгъуэм и 15, 2012 гъ.
- 1 мухьэррам 1435 гъ. — щакIуэгъуэм и 5, 2013 гъ.
- 1 мухьэррам 1436 гъ. — жэпуэгъуэм и 25, 2014 гъ.
- 1 мухьэррам 1437 гъ. — жэпуэгъуэм и 15, 2015 гъ.
Махуэгъэпсым и зы циклыр илъэс 30 мэхъу: занщIэу 19-рэ (махуэу 354 хъухэу) ублауэ 11-рэ (махуэу 355 хъухэу). Убла гъэхэр а илъэс 30-м яхуокIуэр 2, 5, 7, 10, 13, 16,18, 21, 24, 26, 29 гъэхэм.
Мазэгъуэ гъэр дыгъэ гъэм нэхъ мащIэщ: махуипщIкIэ, мазэгъуэ гъэр ублауэ дыгъэ гъэр занщIэу щыщытым деж, махуэ 11-кIэ тIури занщIэу щыщытым деж, ерэ махуэ 12 дыгъэ гъэр ублауэ, мазэгъуэ гъэр занщIэу щытым.
Мазэгъуэ мазэхэр сезон гуэрым епхауэ щыткъым, мазэхэр илъэсым и зэманыгъуэхэм ирикIуэу щытщ.
ЗэдзэкIыныгъэм и формулэ[гъэтэрэзын | edit source]
- Г = И + 622 − (И/33)
Г — григориан махуэгъэпсыращ, И — ислъам махуэгъэпсыращ. Псалъэм папщIэ, 1421 гъэр ислъам махуэгъэпсымкIэ хуэкIуэу щытащ Г=1421+622−(1421/33)=2000 гъэм. Формулэм темыхуэ гуэрхэр зэзэмызэ иIэнкIэ хэлъщ.
ЗэдзэкIыныгъэм и зэгъэдзэкIыж формулэ:
- И =(Г − 622)*33/32
Мазэхэр[гъэтэрэзын | edit source]
- Мухьэррам — (хьэр-бз. محـرّم) — муслъмэн мазэгъуэ махуэгъэпсым и япэ мазэ. ХьэрыпыбзэкIэ «мухьэррам» жиIэм «пэубыда» е «пэубыдын», жиIэу псалъэм къикIыуращ. Япэм а мазэм зауэ егъэкIуэкIын е зауэ Iуэху зехуэнхэр ядэтэкъым.
- Сэфар — (хьэр-бз. صفـر) — мазэгъуэ махуэгъэпсым и етIуанэ мазэ. ХьэрыпыбхэмкIэ «сэфар» псалэм «гъуэжь» жиIэу къикIыуращ. Гугъэ щыIэхэмкIэ, а цIэр къэкIыгъэхэр гъуэжь хъууэ щыгъуж бжьыхьэ мазэм къытекIауэ ябж.
- Рабий Iул-аууал — (хьэр-бз. ربـيع الأول) — мазэгъуэ махуэгъэпсым и ещанэ мазэ. Иджыпсту хьэрыпыбзэм «рабий» псалъэм «гъатхэ» жиIэу къикIыу щыт щхьа. Япэм апхуэдэу бжьыхьэрат зэджэр. Езы мазэри бжьыхьэ мазэу щытт.
- Раби́й Iус-сани — (хьэр-бз. ربـيع الآخر ерэ хьэр-бз. ربـيع الـثاني) — мазэгъуэ махуэгъэпсым и еплIанэ мазэ. ХьэрыпыбзэкIэ «етIуанэ Рабий» жиIэу къикIыуращ.
- Джумадэ Iул-Iула — (хьэр-бз. جمادى الأولى) — мазэгъуэ махуэгъэпсым и етхуанэ мазэ. ХьэрыпыбзэкIэ «джумэда» псалъэм «щтын» е «зыщIэщтэн» жиIэу къикIыуращ. Япэм ар щIымахуэ мазэу щытащ.
- Джумадэ Iул-ахирэ (хьэр-бз. جمادى الآخرة), ерэ Джумадэ Iус-сани (хьэр-бз. جمادى الـثاني) — мазэгъуэ махуэгъэпсым и еханэ мазэ. «Ахирэ» жиIэм хьэрыпыбзэкIэ «иуж дыдэ» жиIэу аращ.
- Рэджаб — (хьэр-бз. رجب) — мазэгъуэ махуэгъэпсым и ебланэ мазэ. «Рэджаб» жиIэм хьэрыпыбзэкIэ «шынэн» жиIэу къикIыуращ. Рэджаб мазэм япэм зауэ Iуэхухэр зэрахуэу щытакъым, зыпыщIаIыгъэу.
- ШаIэбан — (хьэр-бз. شعـبان) — мазэгъуэ махуэгъэпсым и еянэ мазэ. «ШаIэбэн» жиIэм хьэрыпыбзэкIэ «зыугуэшын» жиIэу къикIыуращ. Мы мазэм япэм хьэрыпхэр зэуакIуэ ежэхэу щтащ.
- Рэмэдан) — (хьэр-бз. رمضان) — мазэгъуэ махуэгъэпсым и ебгъуанэ мазэ. ХьэрыпыбзэкIэ псалъэм «къэплъауэ щытын» жиIэу къикIыуращ. Рэмэдан мазэм дунейм ис муслъымхэр, махуэм нэщI исын хуейхэу щытщ
- Шэууал — (хьэр-бз. شوّال) — мазэгъуэ махуэгъэпсым и епщIанэ мазэ. ХьэрыпыбзэкIэ «пIэм икIуэтын» жиIэу къикIыу аращ.
- Зул-къэда — (хьэр-бз. ذو الـقـعـدة) — мазэгъуэ махуэгъэпсым и епщыкIузанэ мазэ. ХьэрыпыбзэкIэ «щысын», «пIэм исын» жиIэу къикIыуращ.
- Зул-хьэжрэт — (хьэр-бз. ذو الحجة) — мазэгъуэ махуэгъэпсым и е пщыкIутIанэ мазэ. ХьэрыпыбзэкIэ псалъэм «хьэж щIын» жиIэу къиIыуращ.
Мазэгъуэ мазэр йокIуэкI мазэщIэр уафэм къихьэу, къыкIэлъыкIуэ мазэщIэр уафэгум къихьэху. Зы мазэм и кIыхьагъыр мэхъу — махуэу 29, сыхьэту 12-рэ, дакъикъэу 44-рэ, тэлайуэ 3,8-рэ. Абы елътащ зы мазэр махуэр 29 хъууэ, адрей мазэр 30 хъууэ зэрыщытыр.
Мазэгъуэ мазэ 12-р, мэхъу зы мазэгъуэ гъэ. Зы мазэгъуэ гъэр махуэу 354 (нэхъ пэжу къапщтэм 354,367) мэхъу. Ауэ ар псо бжыгъэу зэрыщымытым щхьа, махуэгъэпсыр астрономиэ махуэгъэпсым елътауэ зэтекIхэр хуимыIэн щхьа гъэ ублахэр илъэс бжыгъэ теухуахэм ялътауэ илъэс занщIэхэм якIэлъокIуэ. Зы убла гъэр махуэ 355 мэхъу.
Пэубыда мазэхэр[гъэтэрэзын | edit source]
Пэубыда мазэхэр (хьэр-бз. شهر حرام) — ислъам махуэгъэпсым и мазэхэ, япэм щыгъуэ зауэ егъэкIуэкIын, укIыныгъэ пщIэн, КаIабэм и хъуреягъ ущыщакIуэн цIыхухэм щыпаубыду щыта. Апхуэдэ мазэхэр плIы хъухэт — Зул-къэда, Зул-хьэжрэт, Мухьэррам, Рэджаб. Иджырей зэмаными а мазэхэр муслъымхэм мазэ лъапIэхэу ябжхэр.
А мазэхэм апхуэдэ пэубыдахэр яIэу щыщытар КаIабэм къакIуэ цIыхухэр хъумауэ щытынхэ щхьат. Зауэр къэхъеякIэу е къэхъеинкIэу щытым хьэрыпхэм мазэ пэубыдар япэ ирагъэшт ерэ ирагъэкIуэтт. Ислъамым и япэ илъэсхэм, муслъымхэр апхуэдэу а пэубыда мазэм кIэщIэту псэухэу щытащ. Ауэ Ал-Бакъэра сурэм зэритымкIэ, пэубыда мазэхэм Iэмалыншэм узауэ хъуну итщ.
Факъиххэм ялъытэр, пэубыда мазэхэм япэу зауэр щIэдзэн, ауэ нэхъапэу зауэм щIидзам ар пыпшэ е буух хъуну ябж.
Тхьэмахуэм и махуэхэр[гъэтэрэзын | edit source]
ИщIагъым таблицэм къыщыгъэлъэгъуащ, хьэрыпыбзэкIэ тхьэмахуэм и махуэхэм зэреджэр. Абы нэмыщI нэгъуэщI Къаукъазым бзэ ит нэхъыщхьэхэмкIи, махуэхэм зэреджэхэри щапхъэу къэхьащ. Къаукъаз бзэхэм нэмыщI, ахэр псэлалъэкIэ зэпха хъуа урысыбзэ, тыркубзэ, парсыбзэхэри щапхъэу къэхьахэщ.
Хьэрыпыбзэ | Адыгэбзэ | Урысыбзэ | Абазэбзэ | Азгъэбзэ | Iэсетыныбзэ | Шэшэныбзэ | Ингушыбзэ | Iэварыбзэ | Лэзгъыныбзэ | Дэргъыныбзэ | Лакъыбзэ | Парсыбзэ | Тыркубзэ | Къэрэшей-балъкъэрыбзэ | Къумыкъубзэ | Азэрбиджаныбзэ | Хъырцыбзэ | Ермэлыбзэ | |
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
1 | al-Aḥad الأحد (япэ махуэ) |
Тхьэмахуэ/Тхьэумаф | Воскресенье | Мтшаша | Амҽыш | Хуцаубон | Киран-де | КIиранди | ГьатIан | Гьяд | АлхIят | АлхIат | Yekšambe یکشنبه |
Pazar | Ыйых кюн | Къатты гюн | Bazar | Kvira კვირა |
Kiraki կիրակի |
2 | al-Ithnayn الإثنين (махуэ етIуанэ) |
Блыщхьэ/Блыпэ | Понедельник | Швахьа | Ашәахь | Къурисар | Оршот-де | Оршот | Итни | Ислен | Итни | Итни | Do-Shanbeh دوشنبه |
Pazartesi | Баш кюн | Итни гюн | Bazar ertəsi | Orshabati ორშაბათი |
Yerkushabti երկուշաբտի |
3 | ath-Thalaathaaʼ الثلاثاء (махуэ ещанэ) |
Гъубж/Гъубдж | Вторник | ГIваша | Аҩаш | Дыццаг | Шинари-де | Шинара | Талат | Саласа | Талат | Тталат | Seh-Shanbeh سه شنبه |
Salı | Гюрге кюн | Талат гюн | Çərşənbə axşamı | Samshabati სამშაბათი |
Yerek’shabti երեքշաբտի |
4 | al-Arba‘aa’ الأربعاء (махуэ еплIанэ) |
Бэрэжьей/Бэрэжъый | Среда | Хаша | Ахаш | Ртыццаг | Кхаари-де | Кхаьра | АрбагI | Арбе | АрбягI | АрвахI | Chahar-Shanbeh چهارشنبه |
Çarşamba | Барас кюн | Арба гюн | Çərşənbə | Otxshabati ოთხშაბათი |
Chorshabti չորշաբտի |
5 | al-Khamīs الخميس (махуэ етхуанэ) |
Махуэку/Мафэку | Четверг | Пщаша | Аҧшьаш | Цыппарам | Еари-де | Ера | Хамиз | Хемис | Хамис | Хамис | Panj-Shanbeh پنجشنبه |
Perşembe | Орта кюн | Хамиз гюн | Cümə axşamı | Xutshabati ხუთშაბათი |
Hingshabti հինգշաբտի |
6 | al-Jumu‘ah الجمعة (махуэ зэхуэс) |
Мэрем/Мэрем | Пятница | Хваша | Ахәуаш | Майрамбон | Периска | ПIаьраска | Рузман | Жумя | ЖумягI | Нюжмар | Jom‘e / Adineh جمعه / آدينه |
Cuma | Байрым кюн | Жума гюн | Cümə | Paraskevi პარასკევი |
Urbat ուրբատ |
7 | as-Sabt السبت (махуэ ебланэ) |
Щэбэт/Щэбэт | Суббота | Сабша | Асабш | Сабат | Шуота-де | Шоатта | Шамат | Киш | Сут | Ххуллун | Hafta / Shanbeh شنبه |
Cumartesi | Шабат кюн | Сонгу гюн | Şənbə | Shabati შაბათი |
Shabat շաբատ |
ТехьэпIэхэр[гъэтэрэзын | edit source]
- Helmer Aslaksen The Islamic Calendar (индж.)
- Khalid Chraibi, The reform of the Islamic calendar: the terms of the debate, Tabsir.net (индж.)
- Григориан календарым и махуэххэр ислъам календарымкIэ зэдзэкIын
- «Creounity Машина Времени»: конвертирование дат из лунной хиджры в григорианский календарь и обратно, а также ещё 24 системы летоисчисления (урыс.)